Отправляет email-рассылки с помощью сервиса Sendsay

Черкесская кухня

  Все выпуски  

Черкесская кухня Жэрумэ


Жэрумэм хэлхьапхъэр: мэлым ейуэ зы килэ, ныбапхъэу грамм 500, бжьыныху грамм 300, шыгъурэ, бжьыныхурэ 1эф1 зэрыхъунк1э. Шхушыпсыр пщ1ын папщ1э къэпщтэн хуейщ: шэ уф1э1уа стэчанит1, зы шатэ стэчан, бжьыныхущхьэ-10, щыгъу зэрыпф1э1эф1ыным хуэдэу, удз тхьэмпэ зы-т1ущ. Адыгэ шхыныгъуэхэм нэхъ увып1э лъагэ зи1эр лыращ. Адэ ижьыж зэманым адыгэхэм хуабжьу къагъэсэбэпт мэлылыр. Мэлыр адыгэхэм и деж ашхъапщ1у щытащ, сыту жып1эмэ шэмрэ лымрэ пэмыщ1, мэлым цыи къыхэк1т. Адыгэм и1у щытащ мэл «адыгэ уасэ» и ц1эу. Егъэлеяуэ хэ1ущ1ы1у и1у щытащ адыгэм и деж лы гъэгъуар. Гъэгъуа лыр зэман нэхъыбэк1эрэ п1ыгъыфынут ц1ынэм елъытамэ. Иджы дунейр апхуэдэу къек1уэк1ащи лы гъэгъуар хуабжьэ дыдэу къагъэсэбэпыжкъым. Уеблэмэ дэтхэнэ зыми и деж бгъуэтыжынукъым лы здырагъэгъухь хьэкухэр. Зыми емылъытауэ фи пащхьэ къызогъэувэ жэрумэ зэращ1 щ1ык1эр. Шэ уф1э1уамрэ шатэмрэ зы тепщэч куу гуэрым ипк1эн хуейщ шыгъурэ бжьыныхурэ хэплъхьэу. Псори пщ1э яужь удз тхьэмпэ зы т1ущ хэбдзэми хъунущ. Япэ щ1ык1э ныбапхъэр ф1ыуэ гъэкъэбзэн хуейщ. Абы яужьк1э шыгъумрэ бжьыныхумрэ хэк1утэн хуейщ зэхэупщ1этыхьа лымрэ щэмрэ я деж. Хьэзыр хъуа лыр к1уэц1ыгъэджэрэзэн хуейщ ныбапхъэм Лыр ныбапхъэм иралъхьа нэужь зэк1уэц1апхэ 1уданэк1э. Жэрумэм и теплъэр нашэм ещхьщ. Хьэзыр хъуа жэрумэхэр псы къавэм хэлъхьэн хуейщ дакъикъэ 4-5-рэк1э. Псывэм жэрумэхэр къыхахыжа нэужь хьэкум и деж ибгъэбэкхъыхьын хуейщ. Жэрумэм зыри къыщыщ1ынукъым хьэкум ягъэгъуа нэужь. Абы иужьк1э зыкъомри щыбгъэлъ хъунущ. 1энэм къызэрытрагъэувэр джэд лыбжьэм и ужьк1э. Жэрумэр зэрыпщ1 хъун ет1уанэ щ1ык1э и1эщ: Жэрумэ гъэгъуахэр узыхуейм хуэдиз къыбощтэри псы щ1ы1эк1э ботхьэщ1, абы иужьк1э зэгъусэу иболъхьэри шыуаным псы щ1ыбок1э. Псыуэ узыхуейнур богъэтэрэзри ищхьэ дыдэм бжьын щхъуант1э тыболъхьэжри маф1эм тыбогъэувэ. Шыуаным и щхьэтеп1эр быдэу тыбогъэзагъэри маф1э ц1ык1ум тыбогъэувэ, ик1и псыуэ иту хъуар имывык1ыхук1э уожьэ. Жэрумэр хьэзыр зыщ1ыр бахъэ къыщхьэщихымк1э къыбгуры1уэнущ. Хьэзыр хъуа нэужь ц1ык1у ц1ык1у зэгуэгъэжауэ тепщэчым иралъхьэри трагъэувэ. Абы и гъусэу къытрагъэувэ шхушыпсыр. Шхушыпсыр пэмыщ1 тепщэчым илъын хабзэщ. Расита Батырова

В избранное